Поиск

понедельник, 29 сентября 2014 г.

Фашэ


Къыздихар Уикипедиэ
Файл:Цей зэпылъ.jpg
Цей зэпылъ
Фашэ — лъэпкъым и напэ, адыгэхэм куэд халъхьащ а щыгъыным.
Цейм, амэ-псымэ кlыгъу хъуам ягугъ кlуэну, пэсыре дыдэм ягугъкъым, XIX илъэсишъэхэм, фашэ бэлыхьыр щызэфlэувам, урысхэми адрей лъэпкъхэми адыгэм я щыгъын къаштар, я дзэхэми я пэштыхьхэми нэсам. Хульхугъэ фашэм, куэд зэпыль, куэд зэдэкlыгъу. ХХ илъэсишъэхэм я ныкъуэм къыщыкlэдзауэ фашэм исурэтыр "кlуэдын" кlедзэ. Идыкlэр, зэрзэпылъыр, цейм куэду зехъуэкlы.
Хулъхугъэм и щыгъыным хэтар: Вакъэ, Лъей, Гъуэнчэдж, Джанэ, Къэптlал, Цей, Пыlа, Шъхьарыхъуэн ( Бэшлыкъ ), Кlакlуэ.

Зэфlэлъыкlэ

Ишъхьэмкlэ зэритхам хуэду счыгъу зэкlэлъыпыту щыттэкъым фашэм, згуэрэ хущыкlэнти хъунт, згуэрэ тlуану щатlэгъэн, псоми утепсэлъыхьын мыхьэнэншэ.
Езы щыгъын нэхъ япэрейхэм я гугъу:

Лъакъуэфlэлъхьа

Вакъэр куэду зэшъхьащыкlыт. Лъэпlкъ нэхъ тхьамышкэхэм упlкlэ вакъэ зэрахьат бжыхьа-шlымахуэм, гъатхэ-гъэмахуэм янэхъыбэр лъамцlэт. Лъхукъуэлъхэм гъэмахуэм, губгъом щиткlэ , мэкъу щеуэм, фэкlэ шъауэ вакъэ пlакlэ зэрахьат, илъэгум пlакlыу мэкъу илъу лъапшъэм иде лэрыпскlэ папхыкlыу. Уэркъхэм, Лъакъуэлъэшхэм, Пщыхэм афэ-вакъэ, лъэхъстэн вакэ, Урысем къырах фэ вакъэ лъагэм хуэдэ ящыгът. Афэ-вакъэр иэ лъэхъстэн-вакъэр фэр пlакlэу, плъыжьу лауэ, шъагъэрэ, уагъэрэ къэдыкlауэ яшът.
Лъер упlкlэм иэ фэ пlакlэм къыхашъыкlыт, лъапшъэм къыщыкlэдзауэ лъэгуанджэм фlэкlыт, лъакъуэм хуэфlу. Зэгуэдапlэхэр дышъэ иэ дыжьын шъагъэкlэ зэхуашът. Лъэгуанджэ кlагъам лэрыпс ирашъэт дыжьын зэрыдзэ иlу.

Гъуэнчэдж

Гъуэнчэджыр джанэми хуэду кlагъ-кlэлъу зэрахьат. Ишъхьар лэрыпскlэ убыдауэ, быхъу куэпlкъым иде ( хулъхугъэр хуиту уанэм исыфын шъхьакlэ ), лъэгуанджэм къыщыкlэдзауэ лъапшъэм нэгъунэ зэв хъууэ, а и кlагъми лъэпс иlат, лъэгум кlыидзу ( лъер зыщыщитагъэм иде гъуэнчэджыр иlыгъыну )

Джанэ

Джанэр шэкlы пlакlэхэмкlэ ядт, чэсе, чэтэн... Шэкlыр тэкlу къуэлэн хэлъыуи хъут. lашъхьар кlыхьу, занкlыу, lапшъэм нэсу, пшъампlэ имыlу зы кlыlукlэ иэ кlыlуитlкlэ пшъэм иде япху. И кlыхьагъкlэ куэпlкъым нэст, езы джанэр хуиту ядыт, быхъу дыдуи щымыту, зэвуи щымыту.

Къэптlал

Къэптlалыр цейм ехьчу ядт, икlыхьагъкlэ нэхъ кlэкlыу, лъэгуанджэм нэмысу, lашъхьар зэву, lапшъэм кlыlу идауэ, бгъэр зэхуэшъауэ, пшъампlэ кlэту, уагъэ кlыlу иэ тучаным къащэхуа кlыlу пшъампlэм къыщыкlэдзауэ ибгым нэгъунэ ирадэт. Къэптlалыр фlыцlу, плъыжьу, псыфу, гъуабджу иэ тlэкlу къэлэн хэлъу ядт. Зэзэмызэ цейри къытрамылъхьу, бгырыпхымрэ, къамэмрэ зыралъхьати къэптlал закъу зырахьат.

Цей

Цейр лъэпlкъым ди напэ. Джыпсту шъхьадж ишъхьа къызэрхуэкlу цейр зэрахьа. Япэ кlышъэ цейм ифэкlэ зезыхьар къацlыхут: Хужь ( Пщы ), псыфэ ( хужьым нэхъ хуэкlуэ ) плъыжь, фlыцlабзэ ( къуафцlэ ) ( Лъакъуэлъэш иэ Уэркъ ), псыфэ, фlыцlэ, гъуабджэ ( лъхукъуэлl ). ( Цей къуэлэн, шхъуантlэ, удзыфэ, гъуэжь иэ пэмыкlы фэ зэрахьу щытакъым адыгэм! ) Цейр лъэгуанджэм нэсу иэ кlыхьу, лъапэм нэс джыпlа хъууэ ядт. Бгъэр къихауэ, lашъхьар бгъуэуэ lапшъэм нэсу иэ нэхъ кlыхьу. Ибгъэ лъэныкъуитlым хьазырхэр (куэдым ягъэгъуащэ хьазырыр адыгэ псалъу ялыту, хазырыр хьарып псалэ) традэт блырыблу иэ нэхъыбу. Езы хьазырылъэхэр пэмыкlы фэуи яшъу хъут, шъагъэр ишъхьамкlэ традэжьу. Цей къуапэмрэ lашъхьамрэ ихъуреягъкlэ уагъэ къырадыхьт, нэхъ лъэпlкъ бейхэм дышъэ иэ дыжьын шъагъэкlэ. Цейр хуэфlу ядт, хуиту зэрахьатэкъым, пlкъэм фlыуэ фlэсу, кlыбыр иlыгъу бгым нэгъунэ кlуэт, бгъэр здиухым иде, ныбэр зэхуишъу кlыlу ирадэт, кlыlуитху хуэдиз.

Пыlэ

Мэлыфэ, упlкlэ, хъурафэ... Пыlахэр бжыгъэт. Мэлыфэкlэ ядхэр лъагу яшът, ихъуреягъыр цылъэныкъуэфу, шыгур хъуреуэ, lатауэ шэкlыкlэ шъауэ. Етlуану мэлыфэкlэ ядхэтэр хъурепсоуэ, игъунэри ишыгури мэлыфэцкlыхьу щыту. Апхуэдэ пыlахэм янэхъыбэр фэ фlыцlэм иэ гъуабджэм къыхашъыкlыт. Упlкlэ пыlахэри тlуэ бгуэч хъуну: япэрер - шыгу лъахъчэ хъуреуэ, лъэгур бгъуэшху шъауэ. Етlыуанэр - шыгу лъагу, lатауэ илъэгур зэву, гъунэхэр дэгъэзеяуэ. Апхуэдэ пыlахэм яшыгум шыкъу, чышъэ ирашъу щыта.
Хъурафэкlэ яд пыlахэр пщыхэм, уэркъхэм зэрахьат, лъагу шъауэ, кlагъыр шъхьам хуэфlу ишъхьар тlэкlу зэв хъууэ, апхуэдэ пыlашэм яшыгур иэ пlакlу щытт иэ хъуреуэ, lатауэ, шэкlыкlэ шъауэ, дышъэ иэ дыжьын шъагъэкlэ идыхьауэ.

Шъхьарыхъуэн

Шъхьарыхъуэныр ( Башлыкъ ) пыlами хуэду ягъэлъапlэт. Зекlуэм зэрахьат, джэгум зэрахьат. Зекlуэм зэрахьар упlкlэ пlакlэмкlэ иэ шэкlымкlэ ядт. Игъуапэхэр кlыхьу ишъхьакlуэцlыр кууэ дауэ. Шъхьакlуэцlым и гъунэ зэхуакум де шыкъу иэ чышъэ пашъэт, кlыхьу, хьалъу щъауэ, пыlам щытралъхьакlэ икlэр иричэхыным хуэду, ихъуреягъыр уагъэкlэ къырадыхьт, игъуапэхэр къыздыкlыидзэм де лэрыпс идауэ, шыкъу ирижэ тесу, пшъэм иде зэригъэубыдыну. Апхуэдэ шъхьарыхъуэнхэр фlыцlу, гъуабджу, хужьу ядт. Шэкlы пlакlэмкlы ядт шъхьарыхъуэнхэр, нэхъ шэкlы лъапlэхэм, нэхъ гъэпсауэ щыту. Дыщъэ идэ хэлъуи щытт апхуэдэм якуэдым, игъунэхэр дышъэ иэ дыжьын шъагъэкlэ къидыхьауэ, шыкъухэмрэ чышъэхэмрэ дышъэрэ, данэ уданэкlэ зэхэлъу шъауэ.

Кlакlуэ

Кlакlуэр шъхьарыхъуэнми хуэду тlууэ бгуэч хъуну. 1 - Кlакlуэ кlыхь 2 - Кlакlуэ кlэкlы Тlури упlкlэм къыхашъыкlыт, кlакlуэ кlыхьыр нэхъ lуву яшът, пшъэр къихауэ, дамэ бгъуэуэ зэтедауэ, игупэр занкlыу зэlухауэ. Икlуэцlлъэныкъуэмкlэ фэпlакlыу щыту игупэлъэныкъуэмкlэ цыр атауэ, хуэбэлацу яшът. Пшъэм иде лэрыпситl илъэныкъутlымкlэ ирапхэт, лэрыпсыр здытедам иде ишъхьамкlэ фэ традэжьт иэ дышъэ идэкlэ шъауэ пlлlиму. Кlакlуэ кlэкlыр нэхъ пlакlэт, икlыхьагъкlэ куэпlкъым иэ бгым къынэст, кlакlуэ кlыхьым хуэду игупэлъэныкъуэр гэбэлэцауэ щыттэкъым. Пlлlэlум ирадзэмэ зы дэмашъхьам телъу утlуанэ лъэныкъуэр lакlагъымкlэ кlагъэжти лэрыпсымкlэ япхэт. Пшъапlи пшъэи имыlу, ишъхьамкlэ хуэзэву икlагъымкlэ бгъуэ шъауэ ( Кlакlуэ кlэкlыр фlыцlу, псыфу, гъуабджу, хужьу ядт, Кlакlуэ кlыхьыр хужьу иэ фlыцlу )

Техьэпlэхэр


Комментариев нет:

Отправить комментарий